Со1эт си 1ит1ыр, сэ си лъагъуныгъэ! на кабардинско

Имы1эу увы1эгъуэ уэшхыр къошх,
Щ1ыр псык1э ирикъуащи, зыщ1ифыжкъым.
Гум щэхуу гурыщ1ит1ыр щызэрошх,
Ди лъагъуныгъэр сэ къызгуры1уэжкъым.

Пшэ ф1ыц1эу техьэ - тек1щ уэ уи щытык1эр,
Е дыгъэ нуру зэми къысхукъуоплъ.
Дапхуэдэу п1эрэ зэрыхъунур ик1эр?
Ар си щхьэм къихьэм, сигури къысф1оплъ.

Абджу мэщащэ дэ ди лъагъуныгъэр,
Ар бжьыхьэ тхьэмпэу жьыбгъэм зэдехьыж.
Иджыри си гум иут1ыпщакъым гугъэр,
Узут1ыпщами, сыныпхуоплъэк1ыж.

Со1эт си 1ит1ыр, сэ си лъагъуныгъэ,
Со1эт си 1ит1ыр, сэ уэ гъэр сыпщ1ащ.
Со1эт си 1ит1ыр, сэ си пщащэ дыгъэ,
Лъэк1акъым си гум-ущымыгъупща!

Уэшхыр къешхами, дыгъэр къыщ1ок1ыжыр,
Щ1ым псыр зыщ1ефри, ари мэгъущыж.
Ди лъагъуныгъэр уи гум къэгъэк1ыжи,
Мы си у1эгъэр, солъэ1у , схуэгъэхъуж!


Рецензии