Си анэ, т1эк1у зыгъэпсэху! на кабардинском

Пщэдджыжьым дыгъэр къоушри,
Махуэщ1эм бжэр тхузэ1уех.
Гуапагъэр къытхубогуэшри,
Гупсысэр къытщхьэщыбох.
Уэ утхуэхъуащ ади ани,
Иджы уэ т1эк1у ет1ысэх.
Уигу загъэкъым, си анэ, ит1ани,
Ди гъащ1эр уэращ зыщ1ыр нэху.

Дамащхьэм уи щхьэр къытелъхьи,
Си анэ,т1эк1у зыгъэпсэху,
Мы си 1эм уи 1эр 1эщ1элъхьи,
Уи зэшыр сэ пщхьэщызгъэх.
Уи 1эпл1эм сыкъихъук1ами,
Сэ уэрк1э зызмыгъэнщ1а!
Балигъ зэманым сищ1ами,
Сэ сыхуозэш си блэк1ам.

Блэк1ам и гупсысэм ухэту,
Зыми нэщхьей уэ укъохъу.
Закъуэ къарум упэщ1эту,
Гъащ1эм сытк1и удохъу.
Зыщыгъэгъупщэ, си анэ,
Ухуемыплъэк1 а блэк1ам.
Къодэхэщ1ащ уэ зэманыр,
Уэ куэди, си анэ, плъэк1ащ.


Къалэн сщыпщ1ари, си анэ-
Ар си гум зэи имык1!
Сыт хуэдэ псалъэ жып1ами,
Ар псоми, сощ1э, йоф1эк1.
Гъащ1э гугъуехьыр плъэгъуами,
Лъагъуэ нэхъыф1ым утетщ.
Дэнэк1э сэ сымык1уами,
Уи нэхур сэ къызбгъурытщ.

Уэ къытхуэпщ1ахэр, си анэ,
Ар мылъкук1э къыпхуэмыбжын.
Къыпщымысхьами зэманыр,
Дахагьэм зимыхъуэжын.
Нэпсыр уэ щэхуу щ1эбгъэк1ыу
Зэман, си анэ, уи1ащ.
Бын лъагъуныгъэр ебэк1ри,
Гугъуехьым уэ утек1уащ.


Рецензии