Зыри ппэзмыщ1ын, си адыгэбзэ!

Нобэ ящ1 и жагъуэ си бзэ дахэм,
Си гум ар имыдэ, хуэмышэч.
Лъэпкъыу щы1эм сэ сыхагъэдами
Унэхъыф1щ уэ, сэ си лъэпкъ бэшэч.

Си бзэмк1э си анэм собзэрабзэ,
Псалъэ дахэу щы1эр къызогъуэт.
Анэрщ сэ сызыгъэщ1ар а си бзэр,
Адыгэбзэ, ппэсщ1ын сымыгъуэт!

"Жыжьэ унихьэскъым"къызжевмы1э,
Илъэс дапщэ абы къихьэсар?
Дригушхуэу, лъэпкъыр игъэлъап1эу
Ц1ыхуф1 куэд абы ирипсэльащ.

Щоджэнц1ык1у Алий, Алим К1ыщокъуэр,
Нэгъуэщ1 куэдми ди бзэр я1этащ.
Жэбагъы фэ фщ1эжрэ Къэзэнокъуэр?
И 1ущагъыр дэнэк1и щы1уащ.

Срогушхуэ си бзэм, сропагэ,
Щы1экъым си дежк1э нэхъ бзэ лъэщ.
Си щхьэр сэ со1эт абык1э лъагэу,
Адыгэбзэ, Тхьэм уэ зыуигъэузэщ1!

Адыгэбзэк1э, сэ сыпсэухук1э,
Зызмыгъэнщ1у, сф1эф1у сыпсэлъэнщ.
Мы дунейм, си лъэпкъ, сэ сытетыхук1э
 Уэ зыбдэсщ1у хабзэри схъумэнщ.

Умыгъэщхъ уэ уи щхьэр, адыгэбзэ,
Уи шыпхъу жэрым зы умыгъэшэс.
Къыпэувыфынкъым зыри ди бзэм,
Дызэгъусэу дэни дынэгъэс!


Рецензии