Хэт зи зэраныр?!

Хэт зи зэраныр дэ зы дымыхъуамэ,
Насыпыр адэ жыжьэу къэувы1амэ.
Ди лъагъуныгъэр бауэу, и псэр хэту
Пагагъэр абы ищхьэ къэдгъэк1уамэ?!

Ди лъагъуныгъэм нэпсыр къыщытетк1уэм
"Исынущ! ", - жыт1эу щхьэ щ1эдмыхъумарэ?!
" Сыпсэущ иджыри", - жи1эу къыщыдэджэм,
Зэгуэрым япэ щхьэ къэдмыгъэзарэ?

Пшэ ф1ыц1эм дахэ псор щыщ1ихъумэжым,
Нур къызэпхидзыр щхьэ дымылъэгъуарэ?
Ди лъагъуныгъэр псэууэ щыщ1этлъхьэжым
Дыркъуэ къэнэну щхьэ дэ дымыщ1арэ?

Иджы сыт ди 1эмал? Сыт тщ1эжыфынур?
Ди лъагъуныгъэр мащэм имыхуэж.
Зэрыщ1этлъхьэжрэ къыдедз абы нурыр,
Ауэ ди гъащ1эр хъунукъым дэ тхъуэж.

Къабзагъэр, ф1эщхъуныгъэр зыщыпсэум
Зы т1эк1у нэхъ мыхъуми дыгъэгъэзэж.
Блэк1ам и сабэ ди гум трихьамэ,
Ди сабиигъуэм ар хэдгъэтхьэщ1эж.

Зэгуэр дэ къэдгъэпц1а ди лъагъуныгъэм
Къыдэмыжьэну дэ 1э дэдгъэлъэж.
Иджыри а гухэлъыр я1эу, гугъэу
Куэд тетщи мы дунейм, кърелъыхъуэж.


Рецензии