Слъэк1ам адыгэ псор зэхуэсшэсынт

Слъэк1ам адыгэ псор зэхуэсшэсынт,
Шэрджэси, Адыгеи, Къэбэрдеи!
Зэгъусэу дэ 1энэшхуэм дыт1ысынт,
Махъсымэр, ди шхын 1эф1хэр куэдык1ейуэ.

Гукъеуэ ди1эм, унэм къэдгъэнэнт,
Фыгъуэныр, псалъэ гуауэр ди гум илъми,
А псори зэуэ къэпыжь гуэр иддзэнт,
Псы уэрым едгъэхьынт, ди гур къыхуэплъу.

Ди пщ1эр, нэмысыр, адрей хабзэ псор
Ди жьант1эм ек1уу дэ дэдгъэт1ысхьэнт.
Абы и жы1эм щэхуу дедэ1уэнти,
Жыт1энт :"Дызэрылъагъуу дывгъэпсэу!"

Утыку еттынт ди фащэм, бзэ дахащэм,
Ди дуней дахэм - псэр зыдэщ1эращ1эм.
Дыкъызыхэк1а лъэпкъым дэ дыхуэвгъэфащэ,
Мы дуней дахэм дыдэвгъэщ1эращ1э! ; 


Рецензии