Къарур здынэсыр уэ къэпщ1а?

Къарур здынэсыр уэ къэпщ1а, си гъащ1э?
Иджыри куэдрэ ***й сыбгъэунэхун?
Си жагъуэ хъуркъым ари, уэ зэгъащ1э,
Къыдэлъхьэ си пщэм, слъэк1мэ, ари схьынщ.

Ар хьэлъэми, сэ си1эщ къыздалъхуахэр,
Гукъеуэр псалъэ дахэм щхьэщихынщ.
Зысхуэмы1эту зэуэ сэ сехуэхмэ,
Щхьэгъусэр, бынхэр щ1эгъэкъуэн схуэхъунщ.

Иджыри уэ уи ф1эщ сэ сымыхъуамэ,
Къыстелъхьэ схуэбгъэфащэр, къызэпэс!
Уэ сынолъэ1у, си 1ит1ри пхуэс1этауэ,
Си бынхэм деж уэ 1ейк1э унэмыс!


Рецензии