Си сабиигъуэм и ныбжьэгъу

Сэ си сабиигъуэм и ныбжьэгъу,
Си щ1алэгъуалэ дахэм и гупсысэ!
Гъащ1эм дэ дищ1акъым зэ1эпэгъу,
Ауэ зык1и сэ зызмыгъэгусэ.

Дызэхуимыщ1ами зэ1эпэгъу,
Насыпыншэ т1ури дэ дыхъуакъым.
Схуэхъу си жьыгъэм нобэ и ныбжьэгъу,
Ныбжьэгъугъэм жьыгъэр лъэ1эсакъым.

Гъащ1эр сакъыу дэ къытк1элъыплъащ,
Гъуэгу пхэнж бзаджэм дытригъэувакъым.
Гузэвэгъуэ куэди тщхьэщихащ,
Абы и гуф1эгъуи дыхинакъым.

Сытк1и гъащ1эм дыхуэарэзыщ,
Къытхуищ1ащ абы къытхуигъэфащэр.
Ф1ыр къытелъхьэ ноби тэрэзэм,
Дытетыхук1э мы дуней дахащэм!


Рецензии