Адыгэу дыщывгъэт!

Зыщомыдзей уэ ц1ыхум, мылъку имы1эм,
Дунейр хъурейщи, ари и1эжынщ.
Зыщомыгъэпщк1у зэгуэр дэхуэха ц1ыхум,
Лъэпэрэпами, ар къэтэджыжынщ.

Ущымышынэ уи дуней щ1эращ1эр
Зэгуэр пшэ ф1ыц1э 1увым щ1ихъумам.
Къыщ1эк1ыжынщ зигъаф1эурэ, мып1ащ1эу
Ди дыгъэ нуру зытщызыгъэпщк1уар.

Щышынэ бзэр гуузу хэзыутэм,
Зи лъэпкъыр псалъэ ф1ейк1э зыщ1ым пуд.
Нэгъуэщ1ым хуэ1ужажэу дэ 1эщ1ыб дызыщ1ым,
Гугъуехь хуэзамэ, дэ къытхуэзыгъазэм щ1ыб.

Щышынэ адыгэбзэк1э мыпсалъэу,
Абы ар ирипагэу дэпсэлъейм.
"Дэ дызэкъуэткъым" жи1эу щхьэусыгъуэу
Лъэпкъым къуэмыту зыдэзыгъэзейм.

Ущымышынэ зи лъэпкъ хэзымыутэм,
Уэ ухаутэм, ар къыпщхьэщыжынщ.
Мышынэу ар лъэпкъ псом къыщыщхьэщыжк1э,
Уэр щхьэк1и абы псалъэ жи1эфынщ.

Л1ыгъэшхуэ хэлъщ, зэгъащ1э, адыгэл1ым,
И лъэпкъи и бзи зэи имыхъуэж.
Адыгэ пщащэм хэлъын ***й хьэлыф1ым
Ар иригушхуэу сытк1и къыщхьэщож.

Дыщывмыгъэт адыгэр техьэ - тек1ыу,
Хуэпэжу ди бзэм, лъэпкъым дыщывгъэт!
Дызэкъуэтыну жыт1эу ди нэ къик1ыу
Щыщытк1э, и1э, дэ дызэкъуэвгъэт!

Зыфхузогъазэ ди адыгэ лъэпкъым,
Ди хабзэ дахэм пэжу дытевгъэт!
Ди лъэпкъи ди бзи зык1и дымыхъуэжу
Дэ дыадыгэмэ, адыгэу дыщывгъэт!


Рецензии