Псалъэ гуауэ

Псалъэ гуауэ къэбдзри нобэ
Си гум утехуащ.
Асыхьэту щыблэ уэри
Пшэр зэбгрихуащ.

Уафэгъуагъуэр щхьэщык1ащи,
Дыгъэр къыщ1ок1ыж.
Ауэ си гум хэуа банэр
Зик1 къыхэмык1ыж.


Рецензии