Щы1ащ-псэуащ...

Щы1ащ-псэуащ зы ц1ыхуф1 гуэр,
Нурыр къыщхьэщихыу.
Щы1ащ-псэуащ зы ц1ыхуф1 гуэр,
Сэламри гуапэу къуихыу.

Гур хэхъуэу ину дыхьэшхыфу,
Зыми и жагъуэ имыщ1ыфу.
Лъэпощхьэпо ар щыхуэзами,
Къарууэ и1эр зыхилъхьэфу.

Зэгуэрым лей гуэр къылъысамэ,
Псом япэ и 1эр ***шиифу,
Нэгъуэщ1ыр хэутэн ящ1амэ,
Мышынэуи къыщхьэщыжыфу.

А псор хъыбару щызэхэсхк1э,
Сыхуейщ апхуэдэу сыщытыну.
Зыгуэрым гуауэ къылъысамэ,
Сэбэп зыгуэрк1э сахуэхъуну.

Сыхуейщ ц1ыхуф1у сыпсэуну,
Лей ц1ыхум зэи езмыхыну.
,, Зыми и жагъуэ сщ1ынкъым! ", - жыс1эу
Си гум ислъхьами, згъэзэжыну.

Шхын 1эф1 зыгуэрым езгъэшхыну,
Зигу хэщ1 сабийм сехэщ1эну.
Сэ къэсщэхуауэ щыгъын дахэ
Зыгуэрым и пкъым ирилъхьэну.

Сэ ц1ыхум я гум сыдыхьауэ,
Я гуапэ куэдым сэ сщ1ыфыну.
,, Хэт хъуну?", - жа1эрэ щ1эупщ1эм,
Мыук1ытэу си ц1эр къра1уэну.

Си быным я щхьэр къыф1эмыхуу,
1этауэ мы дунейм тетыну.
,, Уи анэ? ", - жа1эу къыщ1эупщ1эм,
Гушхуауэ,, си анэщ" жа1эфыну.


Рецензии