Зыхэсщ1ащ сэ анэм и 1эф1агъыр

Зыхэсщ1ащ сэ анэм и 1эф1агъыр,
А 1эф1агъыр ноби си гум илъщ.
Згъэунэхуащ сэ адэм и щабагъри,
Ноби а щабагъэр хьэлу схэлъщ.

Шыпхъум и гулъытэр къыслъо1эсыр,
Дэлъху гумащ1эр къодэхащ1э гум.
Сэ а псори зэуэ симы1атэм,
Дауэт сызэрытетынур щ1ым?

Хъуркъым дэ дызэрыхуейуэ гъащ1эр,
Ауэ ***йщ абы зыдегъэк1ун.
Зэми анэ хабзэу къодэхащ1э,
Псы къиуауи къохъу къыщыгубжьын.

Къысхуихуащ мы гъащ1эм гузавэгъуэ,
Сэ гуф1эгъуэ куэди сыхэтащ.
Зыкъысщимыгъэнщ1у, ещхьу благъуэм
Гъащ1эм и удыни къыстехуащ.

Гуауэри удынри зыхэзмыщ1эу
Къэна гъащ1эр схьыну сэ къысщохъу.
Быным и 1эф1агъыр, бын гумащ1эр
Згъэунэхуащи, ар сэ к1ыхь схурехъу!


Рецензии