Зэман, зышы1э
Ди жэщым и жэщ 1ыхьэр т1эщ1егъэк1.
А махуэм ехь ди махуэр, жэщым - жэщыр,
Апхуэдэурэ ди гъащ1эр йок1уэтэк1.
Ди гъащ1эм зэрыхэщ1ыр зэхэдмыщ1э,
Дэ ди гур щ1алэщ, хэщ1у къытщымыхъу.
Зэгуэрк1э щэхуу узыр къыдэ1амэ,
Дэ догъэщ1агъуэ:,, Сытхэри къэухъу?! ".
Зышы1э, зэман, укъыск1элъымыс,
Сэ нэмысауэ 1уэху иджыри си1эщ.
Сызыхуеям, солъэ1у, сынэгъэплъыс,
Си жьыщхьэр махуэ пщ1ыну сынолъэ1ур.
Зэгуэрк1э хъумэ уэ укъыск1элъыс,
Си узыншагъэм, си псэм уэ укъе1эм,
Сыгъэ1ыгъыж уэ си пщ1э, си нэмыс,
Сэ си ц1эр ц1ыхухэм ф1ык1э кърегъа1уэ.
Дэ, дыхуэмейми, гуэныхь куэд къыдохь,
Дыхуейщ зэман а псор дгъэзэк1уэжыну.
Уэри,зэман, дэ ди гуэныхь къыумыхь,
Дыхуейкьым пасэу укъытк1элъык1уэну.
Къызэтеувы1э, уэ сомыгъэп1ащ1э,
Уп1ащ1эмэ, щыуагъэр нэхъ куэдынущ.
Зэману мащ1эщ ***йр щыуагъэ пщ1ыну,
Бгъэзэк1уэжыну гъащ1э псор ихьынущ. Но
Свидетельство о публикации №118121506866