Сыт пхуэсщ1энур?

Сыт пхуэсщ1энур? Сытхэр си 1эмал?
Сабийм хуэдэу уэ сынодэхащ1э.
Сыноплъыхук1э сэ мэузыр сил,
Си гур сэ щ1эузри уэ умыщ1э.

Уэ уи дежк1э гъащ1эр зэфэзэщщ,
Щхъуэк1эплъык1эм зик1 ущыгуф1ык1къым.
Уо1эр сытым дежи уи пщ1ант1эжь,
Уи лъэ1уэнри си тхьэк1умэм ик1къым.

Уи бэшэчыныгъэр дэнэ к1уа?
Уи нэжэгужагъэр дэнэ щы1э?
Узым гущ1эгъуншэу иубыдащ
Уи гукъыдэж дахи уи гушы1и.

Сыпхуэныкъуэщ, ауэ сыт 1эмал?
Сыпхуошхыдэ, ауэ сыт уи лажьэ?
Тхьэшхуэм ар 1эмыру уэ къуитащ,
Уи зэманыр к1уэркъым хуэму, мажэ.

Ди къэк1уэнуми ***тыр ди Тхьэ лъап1эрщ,
Дэ къытпэплъэ псори зыщ1эр арщ.
Сэ солъа1уэр, си1эщ ар гугъап1эу,
Тынш пхуищ1ыну узышхуэ къуитар. 


Рецензии