Си адэ, дэнэ уэ ущыхэтар?

Си адэ, дэнэ уэ ущыхэтар?
Сэ куэдрэ, куэдрэ пхуей сыхъуащ.
,, Папэ"щыжа1эк1э ныбжьэгъухэм,
Сехъуапсэу гъащ1эр сыбгъэхьащ.

Нэгъуэщ1ым уи псэр уэ епхьэл1эу,
Щхьэ дыкъэбгъанэу уежьэжат?
Адэ ущием дыхуэныкъуэу,
Дыппэплъэу гъащ1эр дыбгъэхьат.

Сыхуейт, си адэ, сыббгъурыту
Мэкъуауэ губгъуэм сыдэк1ын.
Зэгуэр си жагъуэ сэ къащ1амэ,
Мы си щ1ыбагъым удэтын.

Ар дэ уи бынхэм тхуэмыфащэт,
Ар зык1и дэ къэдмылэжьат.
Уэ уи унагъуэм уепц1ыжами,
Ди анэр ади дэ тхуэхъуат.

Уэ мы дунейм ущызи1акъым,
Уи псалъэ 1ущ зэхэзмыха.
Игъащ1эм си щхьэм 1э дэплъакъым,
Си къуэшхэрщ, анэрщ псэ схэтар.

Иджы дэ псори дыунагъуэщ,
Псори дыадэщ, ар насыпщ.
Сыхуейкъым, иремыхъу шынагъуэ
Уэ уздэщы1эр - ар гуэныхьщ.

Щрет уэ уздэк1уар жэнэту,
Си анэм и псэр гъэтыншыж.
Щрет фэ фи псэхэр зэкъуэту,
Гупсысэ хьэлъэр сщхьэщыхыж.


Рецензии