Сэ ф1ыуэ слъагъум сщ1ыркъым и жагъуэ

Сэ ф1ыуэ слъагъум сщ1ыркъым и жагъуэ,
Сэ ф1ыуэ слъагъуу гъусэ схуэхъуар 
Дунейр щык1ыф1ым си нэхущ вагъуэщ-
Си гъащ1э лъагъуэр схухэзышар.

Къохъур а вагъуэр къыщыхъуи фагъуэ,
Ауэ ар гъащ1эм егъэнэхуж.
Дапхуэдэу фагъуэу щымытми вагъуэр,
Лъагъуныгъэпсым ар етхьэщ1ыж.

Сэ ф1ыуэ слъагъум и1эщ нэщыпхъуэ,
Гукъеуэ си1эр ещ1 гукъыдэж.
1уэху зэхэмык1ым уи нэр къыщипхъуэу
Гур иудами, псэ къыпхелъхьэж.

Сэ ф1ыуэ слъагъум и1эщ зы лъагъуэ,
Дэнэк1э бгъазэми, ф1ым ухуешэж.
А лъагъуэм зыри ф1ей тезмылъагъуэ,
Лъагъуныгъэпсым ар етхьэщ1ыж.

Ди лъагъуныгъэм и1эщ зы щэху,
Щэхуу вжызо1э - ар лъагъуныгъэрщ.
Зыми къуитынкъым, хъункъым къэпщэху,
Пщ1эншэу фэ фи гур фымыгъэгугъэ.

Сэ ф1ыуэ слъагъум и1экъым дагъуэ,
И1эпэу щытми, сэ сымылъагъу.
Слъагъуми, а дагъуэр ик1къым унагъуэм,
Зыми фи дагъуэр евмыгъэлъагъу.


Рецензии