Умыгупсысэу упсалъэм

Умыгупсысэу уэ упсалъэм,
Къохъу куэдрэ уэ ухущ1егъуэж.
Пф1эмыф1у, ф1ыуэ умылъагъум
1эшт1ымк1э ущедэхэщ1эж.

Жагъуэгъу уэ пщ1ыну ухуэмейуэ,
Ар пхуэмыхъунуи ныбжьэгъу.
Плъэгъуамэ жыжьэу, зыщыбдзейуэ,
Пщ1ыну ф1эмыф1у ар гъунэгъу.

Ар уэ уи гущ1эм къихьэф ц1ыхухэрщ,
Дэнк1э щек1уэк1ри зыщ1эрщ ар.
Псалъэм псалъищэ хэзылъхьэжхэрщ,
Зы химыщ1ык1ыу 1уэху къэхъуам.

Ар зи мы1уэху зезыхуэ ц1ыхухэрщ,
Къащыпу 1ейуэ щы1эу хъуар.
Уэ ф1ы ухуэзэу зыф1эмыф1хэрщ,
Къащыхъуу яйуэ ф1ыуэ хъуар.

Апхуэдэ ц1ыху, сэ сощ1э, щы1эщ,
Псэлъэгъу апхуэдэр сымыщ1ын.
Слъэгъуами, си гур хуэхъуу щ1ы1э
И гъуэгум сэ къыпэск1ухьынщ.

Сэ ф1ыуэ слъагъухэр си псэлъэгъущи,
Жыс1а1ам сыщ1емыгъуэжын.
Зыгуэр къахэк1мэ си жагъуэгъуу,
Псалъэ къежьар жьэдэскъуэжынщ.


Рецензии