Анэм и гугъап1э

Ныбжьыр хэк1уэтэхук1э, гури мэхъу нэхъ махэ,
Псалъэ закъуэм нэпсыр къеут1ыпщыф.
Сабийм ещхьу ***йщ ар псалъэ дахэ,
***йщ ар псалъэ щабэ, нэхъ к1уэтэху.
 
Къуэм и псалъэрщ анэм и гугъап1эр,
Къуэм и дахэрщ зыгъэпсэур ар.
А къуэм и щытык1эрщ псом нэхъапэр,
Анэр зыщыгугъыр, щ1итыр псэр.

Фахущыт фи анэхэм гу къабзэу,
Фэ фи 1эпл1э гуапэм фыщымысхь.
Фымыут1ыпщ губжьауэ псалъэ - шабзэр,
Ар анэгум емызэгъыу щхъухьщ.

Фыщыдэк1к1э жеф1э псалъэ гуапэ,
Е къэгъази гуапэу 1эпл1э хуэщ1.
Анэм игу бгъэгуф1эу псом нэхъапэщ,
Анэм и гур зэи хыумыгъэщ1!

Къуэм и 1эпл1эрщ анэр зыгъэхуабэр,
Къуэм и псалъэрщ анэм зэжьэр игу.
Къэвмыгъапц1э фэ фызыгъэхуабэр,
Къэвмыгъаск1э зыщ1ыр дахэ фигу.

Анэ лъагъуныгъэрщ псом нэхъапэр,
Анэр емызэшу Тхьэм фхуолъэ1у.
Фэ балигъ фыхъуну фымып1ащ1э,
Псалъэр къэблэгъамэ, фыубыд и шхуэ1у!
 
 


Рецензии