Зэманым къигъэзэжамэ...

Зэманым къигъэзэжамэ,
Хэт сэ и гуапэ сщ1ыжынт?
Зэманым къигъэзэжамэ,
Хэти и жагъуэ сщ1ыфынт?
Куэдрэ сэ согупсысыр,
Жэуапыр къысхуэмыгъуэт.
Зи жагъуэ сщ1аи сощ1эжыр,
Зи гуапэ сщ1ар сэ нэхъ куэдщ.
Сэ гъуэгум сытеувэжмэ,
Абыхэм сахуэзэжынт?
Сэ зык1и сыщ1емыгъуэжу
Зы псалъи яхуэзгъуэтынт?
Зи гуапэ сщ1ам щхьэ 1этауэ
Сэ щабэу 1эпл1э хуэсщ1ынт.
Зи гуауэ сщ1ам къамылэжьу
Я дамэм си щхьэр теслъхьэнт.
Си нэм гуапагъэр къыщ1ихыу,
Щыуагъэ сщ1ар яжес1энт.
Мы см гум хьэлъэ телъари
Сэ зэуэ псынщ1э къэсщ1ынт.
Ц1ыху ябгэр, ц1ыху 1ейр-ар зырызщи,
Абыхэм я гъуэгур збгынэнт.
Зик1 са1ущ1эн сыхуэмейуэ,
А гъуэгум сэ дэсчыхынт.
Зэманым къигъэзэжамэ,
Сц1ыхуауэ хъуар къэслъыхъуэнт.
Балигъ акъылк1э тэмэму
Пэж псалъэр къахуэзгъуэтынт.
Теткъым ц1ыху лей ди гъуэгуанэм
Ар ире1ей е иреф1.
Бзаджагъэм ***йщ ди зэманыр,
Ф1ым ф1ыуэ хъуар дегъэц1ыху. Щхьэпэ ирехъу а бзаджагъэр,
Гъащ1эм арыншэу щымыхъу.
Ф1ым егъэхъужыр у1эгъэр,
Гъащ1эм ар куэд щрырехъу!


Рецензии