Уи жагъуэ хэт зыщ1ар, сэ си бзэ дахэ?

Уи жагъуэ хэт зыщ1ар, сэ си бзэ дахэ?
Уэ къыпхуэмейуэ хэт къыбжезы1ар?
Уэ ущыхьэщ1экъым, ухэгъэрейщ мы Лъахэм,
Сэ си бзэ-адыгэбзэ, хэт къо1ар?

Къытек1 бжэщхьэ1ум, убыдыж уи жьант1эр,
Уэ а т1ысып1эр сытым дежи ууейщ.
Щре1у уи макъыр ди адыгэ пщ1ант1эм,
Лей къыптехьэнкъым, уэ умыгужьей!

Сыхуейщ сэ, си бзэ, уэ узигъусэну,
Си гуауи си гуф1эгъуи пхуэс1уэтэну.
Уи псалъэ пэжхэмк1э ц1ыхугур згъэзэгъэну,
Уи псалъэ дахэмк1э сэ дахэ яжес1эну.

Уэ узеиншэкъым, сэр ф1эк1к1э щымы1амэ,
Си лъэпкъым ди бзэр къыдэвгъэ1этыж.
Узи1эщи, сэ стет къысф1ощ1ыр дамэ,
Умыгузавэ, уи1эщ къыпщхьэщыж!

Уи пащхьэм я бжэр къыщыхуэзыщ1ахэм
Уэ яжомы1э лей, къэгъази къы1ук1ыж.
Къэхъунщ зэман, къащ1энщ уи 1эф1ыр ахэм,
Абы ямыдэ бзэр къыщащыпыж.

Сэ си бзэ! Адыгэбзэ! Уэ угуащ1эщ!
Сыхуейщ узэхащ1эну уэ лъэпкъ псом.
Сэ сощ1э, уэ уи лъэпкък1э угумащ1эщ,
Ирегумащ1э уэрк1и си лъэпкъ псор!


Рецензии