Сыту куэдрэ ужея, си лъагъуныгъэ!

Сыту куэдрэ ужея, си лъагъуныгъэ?!
Сыту куэдрэ, си НАСЫП, гъуэгу утета?!
Уэ ущымышынэу жьыи дыгъи
Сыту куэдрэ си лъэужь уита?!

Укъыхуепсу уэ нэгъуэщ1ым дыгъэу,
Сэ дунейм сытетуи умыщ1а.
Сэри щхьэрыуат си лъагъуныгъэр,
Уи гур сэ къэслъыхъуэу сымыщ1а!

Лъагъуныгъэр дэнэ деж бгъэт1ысми,
Ар имыт1ысып1эм, щымысын.
Нэгъуэщ1ыгум гъусэ зыхуэпщ1ами,
Уимыгуэгъумэ, гъусэ пхуэмыхъун.

Илъэс куэдк1э дэ дызылъыхъуами,
Гухэр езэшами, псэхужащ.
Дэ дызэхуишэжри, тету дамэ,
Ди зэман блэк1ар ик1уэтыжащ.

Зэгуэр фи лъагъуныгъэр щхьэрыуамэ,
Фэ фи гугъэр гъащ1эм хэвмыхыж.
Ар т1ысып1э фщ1ам имызэгъамэ,
Фф1эк1уэдар фыпежьи къэфлъыхъуэж.

Сэ си лъагъуныгъэм тетщ къудамэ,
Гъэми щ1ыми ар гъагъэ зэпытщ.
Сэ къысщохъур къыстек1ауэ дамэ,
Си насыпыр иджы къызбгъурытщ. 


Рецензии