Дахэщ си бзэр. на кабардинском языке
Си бзэр-и анэбзэр - адыгэбзэр.
Ещхьщ ар куууэ щ1ым хэк1а жыгейм,
Псык1э ар зыгъэнщ1ыр псынэ къабзэрщ.
Хабзэр псынэпс къабзэщ, фымыуф1ей,
Сыт хуэдэпсри къабзэу ирежабзэ.
Хуабэм жьауэ фэ фхуэхъунщ жыгейр,
Фи псыхуэл1эр ирихынщ псы къабзэм.
Гуауэщ, гуауэ дыдэщ, гуауэк1ейщ
Зи бзэр зымыдэж дэ дызэри1эр.
Ямыджыну, ар къащыхъуу лей
"Сыт ар зэрысщ1ынур?,-зэрыжа1эр.
Гуапэщ, гуапэ дыдэщ, гуапэк1ейщ,
Бзэр зымыгъэк1уэдщ нэхъыбэу ди1эр. Ди бзэм, хабзэм сытым деж дыхуейщ,
Зыщывмыгъэгъупщэ дызэри1эр!
Фи бзэр - адыгэбзэщ, фигу ивгъэлъ,
Фи псэр адыгэпсэщ - фрипагэ!
Къывдалъхуауэ ахэр хэтмэ филъ,
Фэ фыхуитщ ф1этыну фи щхьэр лъагэу!
Свидетельство о публикации №118120308523