Кърок1уэ гъуэгум ц1ыхубз гуэр на кабардинском

Кърок1уэ гъуэгум ц1ыхубз гуэр,
Лъэбакъуэр к1эщ1щ,болъагъу зэрымып1ащ1эр.
Гупсысэ куэдым ищ1агъэнущ гъэр,
Зыгуэрк1э къытохьэлъэ абы гъащ1эр.

Щ1эх-щ1эхыурэ и нап1эм до1эбей,
И нэпсхэр щ1елъэщ1ык1 зыкъуимыгъащ1эу.
А и щытык1эм сэ сегъэп1ейтей,
Солъагъур:а ц1ыхубзым и гур хощ1ыр.

Сыт хуэдэ псалъэ анэр зыгъэгъар?
Къыжьэдэк1ауэ п1эрэ быным гуауэ?
Е и щхьэусыгъуэм сыт къыжри1ар
Нэпс щ1игъэк1ыну,и гум щ1ыхьэпауэ.

Сигу щ1эузащ, си анэм ар езгъэщхьри,
Сыбгъэдыхьэнуи сэ езмыкуфа.
Сыту сыхуейт сэ иджыпсту псэм хуэсхьу
Жес1эну анэм:"Сигу уэ укъэк1ащ!

Сыхуезэшащ,си мамэ,уи шхын 1эф1ым,
Уи макъми,мамэ,сэ сыхуэзэшащ.
Уэ къысхуэгъэгъу, зэгуэр уи жагъуэ сщ1амэ!"-
Сигу илъу анэм дежк1э сыунэт1ащ.


Рецензии