Улисс Альфред Лорд Тенниссон - перевод на кабардин

Фейдэуэ мащIэ зиIэ пащтыхь Iуэхуншэу
Жьэгу щэхум деж, къыр пIцIэнэ гупым ику
Щхьэгъусэ  зи ныбжь хэкIуэта и гъусэу, къызогупщысыри язот
Къэрал хабзэ зэхуэмыдэ лъэпкъ мыгъасэм,
Зэхуэсу, жейуэ, щхэуэ, сэ сыкъэзымыцIыхум.
Сэ зызгъэнщIакъым зекIуэкIэ. Исфынущ
Сэ гъэщэр и кIэнтхъым нэс. Гу хэхъуи,
Гугъу ехи слъэгъуэщ, сыригъусэу
ФIыуэ слэгъухэми, сизэкъуи; псы Iуфам дежи,
Тенджыз и щIыIуи хызекIуэлIу уэлбаналэ - Гиэд илъэбжэ
Хы пшэгъуэр къэзгъэгубжьу. ЦIэ сыхъуэхъуащ
Гу зеи зызмыгъэнщIым и зекIуэн щIэмычым
Куэд слъэгъуащ, къэсщIащ, - цIыхукIэ из къалэхэр
Хэбзэхэр, дуней щытыкIэ зэмылIэужыгъуэхэр, къэралхэр, Iэтащхьэ гупхэр,
Сэ си щхи фIыуэ сцIыхуэщ, а псоми пщIэ хуэфэщэ естыри, -
Исфащ сэ зауэм и гухэхъуэр си ныбжьэгухэм сыригъусэу,
Троям къыбгъэдэт зу жьэпщэ губгъуэм деж.
Сызыхуэзам сэ псоми и Iыхэу сыкъыхэнэщ;
Ауэ а гъэунэхуныгъэ псори абдж хъарпшэр къудейщ,
КъэзмыкIухэ дунейм зи гъунэр къысхуэмыубыду кIуэдым
И теплъэ пшагъуэр къыздищыр.
Сыту делэгъэ укъэувыIэну, кIэм унэсыну,
Уулъиину Iуэхуншу, умыцIууэ лэжьыгъэм исэбэпкIэ
Убауэмэ упсо хуэдэ! ГъэщIэм ищхэ гъэщIэ Iэту зателъхи
КуэдыIуэ хъунукъым, сэ мы зыми щыщ
МащIэщ къысхуэнар; ауэ и сыхьэт дэтхэни къезгъэлащ
КIэ имыIэныгъэ мамырым, леуэ къэппсоуа дэкъикъэ дэтхэнэми
ЩIэ гуэр къыпхуехь, ар напэншагъэт
Дыгъищ къудей щхэ схъумэну си щхэр,
Си акъыл щхъуэ вэгъуэр псым щIэтысыкIым хуэдэу
ХущIэкъур зэхъуэпса щIэныгъэм и яужь итыну,
Нэсын игугъу цIыху гупсысэм и гъунэ дыдэм адэкIэ.
Мис си къуэр, силъзехэ Телемак
Къызыхуэзгъэнар мы пащтыхь тажыри мы хытIыгури,-
ФIыуэ сызылъагъу, къэзылъэгъуф игъэзэщIэну
Мытынш лэжьыгъэр, сэкъыгъэ хуэмкIэ щэбэ щIыныр
ЦIыхубэ пхъашэр, мащIэ-мащIэу
Хуэпшэу сэбэпрэ фIырэ и лъэныкъуэм.
Дагъуэншэ дыдэщ ар, ику итщ ар псоми
Яхуосэбэп Iуохухэм и гъэзэхуэныгъэм, хьэзырщ ар къехъулIэну
Зэлэжьыр и нэпэм екIу, икIи ириту
ПщIэ яхуэфэщэр ди лъэпкъ тхьэхэм,
Сэ сылIэми. Ёлэжь ар и лэжьыгъэм, сэ сэсейм.
Мес кхъухь тедзапIэ; жьыкIэ зекIуэ кхъухьым егъэпщ чэтэныр;
Мес и нэщхъыр зэхеукIэ кIыфI, къудэмэншэ тенджызым. Си хытетхэ,
ПсэкIэ сэ си гъусэу лэжьа, гугъу фехьу, зэтеху ди гупсысэр,-
Сыт щыгъуи гуфIэгъуэ фIэкI фымыбжыу зышэча
Уафэгъуагъуэ бзэджи дыгъэ жьэражьи, пэщIэвгъэуву ахэм
Фи гу FREEхэр, фи натIэгу ***тхэр, - фэри сэри дыжьщ;
Ныбжь хэкIуатэм иджыри иIэщ и щIыхьи и лэжьыгъи.
ЛIэныгъэм захуищIынущ псори; ауэ зыгуэр,кIэр къэсыным ипэ,
Лэжьыгъэ гуэр щIыхь иIэу, иджыри дэ тщIэфынущ,
ЦIыху Тхьэхэм пэщIэтыфэм хуэфэщэ.
Нэху мащIэу ядзыу хуожьэ къырхэм;
Махуэ кIыхым еух и гъэщэр; мазэ хуэмыр докIуей; кууэгъыр
МэщэIу мэкъ эджэкIэ. Феуэ си ныбжэгъухэ.
Иджири кІасэкъым дунейищIэ дылъыхъуэныу.
ФыщIэрыIэ къухым, дэхэу фытIыс фIыуэ феуэфын щхэ
хым и жьгъыжьгъ вагъэмбэкъум; сэ си мурэдщ
ДыкIуэну дыгъэр здыкъухэм аткIэ, къухьэпIэ
Вэгъуэ псоми зыздэгъэпскIым аткIэ, сылIэху.
Тхэм ещIи я архъуанэхэм дырэлъэсыхынщ;
Я дынэсынщ щIы насыпыфIэми
Дыхуэзэнщ цIэрыIуэ Ахиллесым, дэ тIцIыхум.
Куэд къэдлэжьэ щхэ, куэди къытпыщылъщ;
Дэ диIэкъым япэм диIа къэру,
ЩIыри уэфэри зыгъэсысыфу щытар, ауэ иджыри дэ дыщытщ, дыщытщ, -
Зэхуэдэ хьэл-щэн быдэ зиIэ лIыхъужьыгухэу,
Нэхъ тIасхъа зэмэнырэ гъащIэм и зэрэнкIэ хъуахэу, ауэ яхъурикъху лъэщыгэ 
Бэнэныгъэм, зыхуейм лъыхъуэфыу, къагъуэтыху, къикIуэт ямыIэу.


Рецензии