Гъатхэ

Гъатхэ дыгъэпсыр щ1ыгум къытохьэ.
Бзуу уэрэд макъым дыщ1егъэдэ1у.
Укъалъэгъуну синэхэр ноплъэ.
Услъагъу зэпытми зыпщызмыгъэнщ
Гъатхэ дыгъэпсыр гум йодэхащ1э.
Бзуу уэрэд дахэм дыщ1одэ1ук1.
Услъагъу зэпыту зыпщызмыгъэнщ1м
сыппэпъэ защ1эу гъэхэр сф1ыблоК1.
Удз щхъуант1э дахэм ,сэ содэхащ1э.
Хьэуа къабзащэр зэжьэдэсшащ.
Уи нэдахит1ым сыщ1амыгъаплъэу.
Нуру къыщ1ихым сэ ситхьэкъуащ.
Гъатхэ дыгъэпсыр псэм йодэхащ1э
удз гъэгъа ц1ык1ухэм зыдырашей
Укъалъэгъуну сигур ныппэплъэу.
Уэрам к1ыхьышхуэм сыдырашей...


Рецензии