Анэ

Мо уафэм зэ сыдэплъеямэ,
Бзийхэр дыщэпс Iуданэщ.
"Мо дыгъэм сыт фIэпщынт? "-жаIамэ,
Жэуап естынут:  "Анэ".


Уи вагъуэр жэщым къэлыдамэ,
Вагъуэбэм и зы кIанэу.
"Мо мазэм сыт фIэпщынт?"- жаIамэ,
Жэуап естынут: "Анэ".

Къуршыжьхэм зэ уныдэкIамэ,
Укъыздищтэнэт псы бланэм.
"Мо къуршхэм сыт фIэпщынт?"- жаIамэ,
Жэуап естынут: "Анэ".

Уа, анэ дыщэ, нэр зэтеспIэм,
Си нэгу укъыщIохьэж,
Гущэкъу уэрэдри къызжепIэу,
ПщIыхь дахэм сыхэшэж.


Рецензии

С 3 по 5 июля состоится Литературный фестиваль в Этномире. В программе – семинары известных поэтов и писателей, поэтический конкурс, посвященный Году единства народов России, книжная выставкая-ярмарка. Приглашаем принять участие →