Сэ си гур мэуз...

Сэ си гур мэуз сыпхуозэшыр…
(Си анэшхуэ Гиндыгъу Нурэ Къэмбот и пхъум и фэеплъу)
Си нэпсыр къежэхыу пхузотхыр
Си нанэ, дунейм уехыжащ,
Сэ си гур мэуз, сыпхуозэшыр
Си нанэ, дунейр ббгынэжащ.
Сэ дауэ сыпсэу усщIымыгъуу?!
Уи макъыу дахащэр сигу къокI,
ЗэтеспIэм си нитI – узолъагъур
Си нанэ, сэ сигу уэ укъокI.
Дунейм къытехьар текIыжынущ -
Дэ псом ди натIэм ар илъщ,
Псэущхьэу мы щIылъэм щалъхунум
ЛIэныгъэр зэм-зэм къапэщылъщ.
Сэ сощIэр, тщыхъунущ ар нахуэ,
Абы хуэмызэн къамылъхуа,
КъытхуокIуэ ажалыр зы махуэм
Дохъу псэуэ, псэ уафэм кIуэжа.
Къуитыну жэнэтым и фIыпIэр
Алыхьым сэ уэ сыпхуолъэIу,
Ахърэтым щыIэххэм тыншыпIэ
Си нанэм лъысыну солъэIу.
Гуэныхьу къалъытэ блэжьами
Алыхьым ар уэ къыпхуигъэгъу,
Жэнэтым дахапIэуэ иIэр
Ди Тхьэшхуэм тIысыпIэ пхуигэхъу.


Рецензии