Хъуэхъу

Уей щтамылэ, уей щтауч,
Дызэхуэсауэ, Iуэху доублэ,
Фежи тебэм и щхьэр тефч!
Нобэ псалъэу ди жьэм
КъакIуэр,
Дэ ерэчым дэдгъэкIынущ,
Iэнэм деж щыжиIэм жьакIуэм,
Сабыр дыдэу дедэIуэнущ.
ФIыуэ ящIэр сэтей къащIу,
Псоми вагъуэ гугъу ящIынущ.
Хэт Iыхьлыуэ, хэт ныбжьэгъуу,
Абы фIыкIэ хуэхъуэхъуэнущ.
УафIэм пщIэншэу дыIэбакъым
Абы иIэщ щхьэусыгъуэ,
А жытIам дыхущIегъуэжкъым,
Хуэдгъэхъэнущ нобэ вагъуэм!
ЦIыхухэм хабзэ ткIий ди куэдщ,
Ар хуэмыхум къытохьэлъэ.
Уафэм урихьэну дамэщ,
Хабзэр пхуэгъэзащIэм.
КъэбэрдейкIэ зэджэр цIыкIуми,
Дуней псом къыщащIэ
Шы лъэпкъыфIым нэмыщIауэ,
ЦIыху щыхъейм я фIыщIэщ.

                II
Ди лъэпкъ тхыдэр махуэ зырызу
Нобэ дэ зэдгъэдзэкIынкъым,
Кърежэххэр ди псыхэр къабзэу.
ЦIыху псыхуэлIэр ирагъэкIыу!
Тхьэм махуэфI къытхуищIу тыгъэ,
Дытетыху дунейм
ЕзмыгъэщIыр цIыхухэм дагъуэ
Хэтми, ар дыдейщ.
Ролхэр фIыуэ ягъэзащIэу,
Вагъуэ Голливуд и куэдщ,
Дэ абыкIэ демыплъэкIыу
Вагъуэу диIэщ ШкIэжь Ахьмэд!
ГримкIэ зэджэм ар хуэхейщ.
И гур къабзэу тетщ дунейм,
Нэгъэсауэ Къэбэрдейщ,
И къежьапIэр Псыгуэнсущ.
И адэм и пщэм къыдилъхьауэ,
ЦIыхуу тетщ ар ЩIы хъурейм,
Къуэш пэлъытэу, ныбжьэгъу пэжхэм
Хэтщ ермэлыи, азербайджани,
НэгъуэщI щIыпIи къыщалъхуаи.
ЦIыхухэм я нэр фIыуэ маплъэ,
ФыщIэ зыщIэр фIыу елъагъу,
Зиблэжыфми цIыхум дыщэу,
Джэрпэджэжу фIыр поджэж.
ШкIэжь Ахьмэд зыхыхьэ гупым
Я щхьэр лъагэу ялъагъуж
Илъэсищэ къигъэщIауэ,
ИрещIыж абы IутIыж!


Рецензии