Къитхкъым

Щхъухьыр дэсхьейуэ щисфым,
Сытетт хьэдрыхэ гъуэгу,
Ауэ фIы учэфым!
Самопал изыфхэр
Къысхурехъу дауэгъу.
ТIысыжынкъым Iэнэ кIапэ,
Къащтэу щиплъэ блэгъу.
Лъэпкъым фадэр ди нэрыгъщ,
Гуп дыхэхуэм хабзэм дехь!?
НэхъыфIт Бэдын дадэ хуэдэу,
Блащхъуэ зыхэс фадэм,
Анэ быдзышэу демыфам.
СщIам сыхущIегъуэжу,
Нобэм сыкъэсакъым.
Зым и деж унажи
Тездзэу сэ сыкIуакъым.
Дунейр зи инагъ къэралым
Дауи жып и куэдщ,
Самопалым щIэста ахъшэр,
Язым кIуамэ ар сэбэпт.
А «дэвайкIэ» фадэр щIэзыш гупри,
НобэкIэ си къуэшщ.
Казнам кIуа сомым
Узыншагъэр хыдолъхьэж,
Итлъэхьэ мыхъум
Сом къидмыхыу,
Къэралым дытолажьэ.


Рецензии