ЖызоIэ

Адыгэ лъэпкъыурэ
Уанэ къуапитI,
Дунейр тэрэзэуэ
Зэпыбошэч.
Уи фIри уи Iейри
Зэхуэдэу ткIыбжьщ.
Си псэр пытыхукIэ
Уи нэфI сыщIэкъунщ.
ЛIыфIхэм я кIуэцI къикIауэ,
Сэр нэхъ щалэфIхэр
Уэ уи мелуанщ.
Нэчыхь къабзэкIэ дунейм
Къытехьахэм сэри сахэтщ.
Уи куэщI Iэдэбу сыщыпсэуатэм,
Зы мастэ нэхъ мыхъуу
Щхьэпэ сыпхуэхъутэм,
Iуащхьэмахуэу си гур хэхъуэнт.
Си гъуэр нэсауэ сыухрэ гъащIэр,
СыкIуэжмэ хьэршым
ЖыпIэнт «цIыху щыпкъэу»
Уи лъахэм ситауэ.
Си гъащIэр сощIыр шыгъажэ –
Сыту губгъуэшхуэ адыгагъэр!?
ЩыIащ сыщыхъуаи пажэ,
ЩIыIэщ си япэ ищаи.
ЩIэгъэкIуауэ уафэм щыт къуршхэм
Куэд зэхахыу жызоIэр,
Си лъэпкъ уардэм сызэхэпхтэм,
Къуршыбгъэу уэгум ситынт!


Рецензии