ХьэлIамэ

ЗанщIэу сынакIуэри
Уи напщIэм сытетIысхьащ,
Пэшэгъуу сузэриIэр
УбзыщIми укъащIэ?
Сэ схуэдэ абрагъуэм
Сакъыу блэкIын х у е й щ,
Уэ уи гур чэщейу
Уи нэгум сибгъэплъащ.
Iэ жьауэ пщIау щытатэм,
Уй шхьэм и сэбэпт.
Шэ темыгъахуэ дыуэу,
Уихъумэнри хэлът.
Кьэуц щхьэнтэу
Уи гу сызэрыхуам,
Махуэр щынэхъщIыIэм
Жьэражьэу сегъэхуабэр,
Дунейм гу щысхуэну фIэфIыу,
Уэ! Уэ узэрыщыIэр сощIэр.
Къэдабэ къэпталу
ФIыкIэ сыщыпхуапэм,
ГущIэлъхэр
Уи нитIым къаIуэтащ,
ДунейкIэ сызыхэна
ФIы лъагъуныгъэр,
Уэ шэпхъуатэу - си щхьэм
Къибгъэхуащ.
ЗгьэщIэгъуэжу
Фэбжь сыкъызэлам,
Уэ слъэмыкIыу тызыбогъэгьазэ,
УщыщIали, уи дадащхьи,
Лъагъуныгъэм укъэлынщ хьэлIамэ…


Рецензии