ФIы лъагъуныгъэ

ФIы лъагъуныгъэ ухуеймэ
уигу зэIуауэ щыгъэт,
ауэ зы хъуаскIэ къэхъеймэ
упIащIэу зэщIумыгъэст.
Сыт щхьэкIэ жыпIэм а Iуэхум
уепIэщIэкIыныр щынагъуэщ
къыкъуэмыкIау мазэ нэхум
хэкIуэдэжынур уи вагъуэщ.


Рецензии