ЩIэнакIэм - адыгэщ

Ятау къызонахуэ жэгъуэгъухэр,
ПхъэсэкIэ ябзынут си фэр.
КъызэщIэуа нэрыбгэхэр,
Тхьэрыкъуэф Iэнэм щызэдофэ.
Щэгъыр хьэрэмыр изыфхэм,
Щхьэпэтэкъэ хъуэхъу схужаIамэ,
ПсалъитI гьэхуау – къызэхъулIэм,
Хэхъуэнут щэ бжыгъэ кьэдауэм!
Си щхьэм ифI къэзмылъыхъуэм,
Фыгъуэижхэм сыхаутэнущ,
Абыхэм пщIэ хуащIкъымэ псалъэм,
ЩIамычэу «давайкIэ» ефэнущ?
Хъымсаду сыгъыу – сыусэу,
Иджыри сыкъэсащ,
ПсалъэфIхэ зыкIэрысу,
ЖысIауэ япхъуэтащ!
Сэ си фыгъуэижхэм
Яхутегъэсащ си бухъуарскIэр,
НэхъыфIщ къэмыкIуэм си Iэнэм,
Я лъэгум къынуIезгъэхынущ хъуаскIэр.
Адыгэм я Iуэхур зымыщIэм,
Ялъагъур яфIэтелъыджэщ,
Зэгуэр щIэнакIэм ехъулIэм,
КъэщIэгъуафIэщ ар хэтми – адыгэщ.
                1982 гъ.


Рецензии