Хъыр ездзынущ

                М. Залина деж
Шууэ уэ сыныпхуэзатэм,
Шым сыкъепсыхынут.
ПщIэ хуэфащэщ цIыху Iэдэбым,
Абы зэу уехьэхур.
И насыпщ къупхъэфI икIам,
Абы куэд йощакIуэ,
ФIыуэ сигум къыпхуэкIам,
И инагъщ зы жыг мэракIуэ,
УблэкIами къызумыхыу,
Уэ фIэхъус сэлам,
Еврощ, баксщ си дежкIэ,
Уи ныбжь къыстрищIар.
Сэ къуажэпщу сыщытатэм,
Уэ пшэрыхь пхуэсщIынут,
Си щхьэр пхуэзгъэтIылъу,
Уи щхьэхъумэу сынакIуэнут.
КъызэкIыжу и зэран,
ЯщIэу сы цIыху пагэщ,
Уэ уи фIыщIэкIэ хьэл мыгъуэр,
Сэри зэхэзнынт.
Сэ нэхъ Iэзэ бдзэжьейящэ,
Ди жылэм зыри дэскъым,
Умыбэлэрыгъ,
Уи ныбжьым хъыр ездзынущ?!
                2011 гъ.


Рецензии