Сохъуапсэ

Дей гуэрэным уэсыр тосэ,
Пытау тхьэмпэ умыщIэн,
Сыхъун ипэ сэ тIорысэ,
ШысфIэфIащ абдеж псалъэн.
Iуэху щIэн щыIэу зыщIезгъэхыу,
Зэи абы сыщытеуакъым,
Ауэ щыIэт сызытемахи,
Зэман сиIэу зысшыIакъым.
Хэт иджы ар жиIэжын,
Сэ езым зызмусыжым,
КIасэ хъуау зэхырехыж,
Нэрымылъэгъуу сигъусам.
Мы дунейм псалъэфIу тетым,
Щыхьэт техъуа гуэрэным,
Джыдэ къасщтэу сыхэуэфкъым,
Сыхуосакъыр щIэж ищIам.
Тхьэмпэ щхъуантIэхэм сагъэпшкIуу,
Серенадэхэр къыщисщым,
Хэт ищIэнт къэдаIуэу хьэблэр,
Iуэху блэкI яIэр къагъэнау.
Уэсыр текIым дей гуэрэным,
Тхьэмпэ куэдыуэ къищIынущ,
Абы къуэту бзэрэбзэнум,
Жьы сыхъуарэ пэт сохъуапсэ.


Рецензии