Си къалэм

Си къалэмыр, къызоплъ,
Махуэ бжыгъэ хъуауэ къасщтакъым,
Къистхъэну алыф,
Гукъыдэж сиIакъым.
Си шакъалъэр ирсыкIащ:
– Къэхъуар гуауэми,
Си щхьэм и щхьэузыхьщ,
МылIэжын – зыри къигъэщIакъым.
Хьэбэсабэ хъуа шакъалъэр,
Сыхуэсакъыу зесхьэрт,
ЩIым зэрехуэхар,
А зэзакъуэрт.
Совет властым сыхалъхуати,
Сыщытащ пионеру, итIанэ комсомолу…
Зэуэ лъалъэжати,
Хьзулейу сыдэтщ – уэрамым.
МыупщIэу гъащIэм,
Дапхуэдиз зэкIэричрэ,
Шэмэджыр ядыгъум,
Сыту пщIын – сыджуадэр.
Си къэлэмыр, лейуэ уопыхьэ,
Сыхуэдарэт и къэкIунум,
Зэгуэр щIым сыщIыхьэм,
Си фэеплъу укъэнэнущ!


Рецензии