Си Анэм хуэгъэзауэ

Гупсысэм кууэ сыхихьауэ
Аргуэру къалэмыр къэсщтащ...
Мы си гур бамп1эм зэщ1ищтауэ
Си тхыгъэр, Мамэ, пхуэзгъэзащ...

Ныпхуэс1уэтэнут сэ куэд 1ей
Мыгъэм къэхъуахэм теухуауэ...
Хыхьэнк1э хъунущ абы лей
Мы си лъыр гуащ1эу зэщ1эплъауэ...

Сэ шэч хэмылъу сыкъуэншащ...
Мыхъумыщ1э куэдым сыхэпк1ащ...
Алыхьым и нэф1 къысщыхуащ...
Сэ гуэныхь щ1ап1эм сыкъыришащ...

Сэ сощ1э, Мамэ, схуэпшынынкъым
Сэр папщ1э нэпсу щ1эбгъэк1ар...
Ажалым къыщ1эк1ынщ зэрихуэу
Сигу угъурсызу хъийм ик1ар...


Рецензии