Уи Сыным 1эпл1э Изошэк1

           Дунейм ехыжа си анэшхуэ дыщэ Абыкъу Фенэ и фэеплъу...
               Жэнэтк1э Аллыхьым уигъэгуф1э...

Псэр мэщт уи кхъащхьэм сыщхьэщыхьэм, анэшхуэ пасэу с1эщ1эк1а
гукъеуэ маф1эм си псэр хэбдзэу
кхъэ лэгъунэр щхьэ хэщ1ап1э пщ1а?!

Уи сыным сызэрыбгъэдыхьэу
мыл к1анэ щтауэ си гур мэж:
-си Нанэ, къызэпсалъэ кхъы1э, си щхьэфэм зэ 1э къыдэлъэж...

Сыпоплъэ щэхуу уи зы псалъэ, ауэ жэуап уэ къомытыж
макъыншэу нэпсхэр еслъэщ1эк1ми,
аргуэру ахэм къагъэзэж...

Саубыдыр гъэру гукъэк1ыжхэм,
псэр ахэм къысхуамыут1ыпщ..
Гум дыркъуэ телъым лъыпсыр пыжу къыстощхьэ жэщыр, нэху согъэщ...

Гугъуехьыр, си псэ, уэ уи нат1эу хьэлэлу утетат дунейм
уи быныр сытк1и бгъэнэхъапэу ухуэлэжьат мы гъащ1э тк1ийм..
Адэншэ гъащ1эм и хьэзабыр, си Нанэ, пасэу зэхэпщ1ат
угужьеяуэ, псэм сыпэпщ1у уи гъащ1эр щ1эпхьыри арат...

Ажалыр ди бжэм къытоу1уэ, уэ ус1эщ1ех - къызэмылъэ1у
упсэууэ усэ пхуэзмытхахэр гъыбзэ уэрэду пхузогъэ1у...

Си Нанэ, си псэ, сынолъэ1ур, слъыгъэс иужьу уи гущ1эгъу
зыгуэрк1э уигу и жагъуэ сщ1амэ - си псалъэ дыджхэр къысхуэгъэгъу..
Сигу упц1энам щ1ымахуэ жьыбгъэм уэс хужьу джэбын къырешэк1
гукъеуэ нэпсым псэр итхьэлэу уи сыным 1эпл1э изошэк1...


Рецензии