Бжьыхьэ уэсым и щIыIагъыу

Бжьыхьэ уэсым и щIыIагъыу
ПщIыхьыр уи гум зэу пхырокI
УзэплъэкIым – гъуэгу фIыцIагъэу
Дыджыу гъащIэ псори блокI.
МакIуэр гъащIэм уэ уебэну
ПхузэфIокIыр гъащIэм куэд,
Уеблэм зым зэхомыгъэну
Зэуэ уиIэр уэ пфIокIуэд.
Жыг удзыфэу, жыг дахащэм
Бжьыхьэм тхьэмпэр полъэлъыж,
ГъащIэр кIуау узэплъэкIыжым
ПщIыхьыу фIэкI къыпщымыхъуж.
 


Рецензии