ЛIыжьым къызжиIа псалъэ

Дин зимыIэр мэхъу тхьэмыщкIэ
ЦIыхум ебгым къытохуэж,
ГъащIэм зым уемыгупсысым
ГъащIэм фIыкIэ зимыхъуэж

Сигугъэт жьыгъэр къэмысыну
ЩIалэгъуэм уи щхьэм ар къэмыкI,
Си гъащIэр кIуащ зы махуэм хуэдэу
ХокIуатэр жьыгъэр зы съэмыкI.
ХокIуатэр жьыгъэр махуэ къэскIэ
Гуэныхьу сиIэр къызощIэж,
Си гъащIэр жейм зэрезгъэхьамкIэ
Иджы сэ Iеу сыхущIогъуэж.
ЖывоIэр гъащIэр гъуэгу кIыхьышхуэу
Гъуэгу кIыхьми и кIэм сынэсащ,
Вгъэлажьэ фи Iэр фыщIалэхукIэ
Жейм зефтым псори лъэлъэжащ.
Илъэскъым ныбжьыр къызэрапщыр
УщIалэщ уи Iэплъэпкъ зекIуэху,
Жьы хъуакъым зи щхьэр къабзэу щытыр
Гупсыси гъащIэр гъэунэху.


Рецензии