Лажьэ зимыIэ быныр хыфIэзыдзахэм папщIэ

Сабий гуэр хыфIадзауэ сэ слъагъум
Си гур Iейуэ абы егъэузыр,
Сыт илажьэ сабийуэ гу къабзэм,
Хьэ къылъысрэ абы гугъуехь ткыбжьыр.

Зи сайбий хыфIэзыдзэу псэуфым
ЕщI и гъащIэр шынагъуэу, хьэлэчу,
Зи сабий мэжэщIалIэу щысыфым
Ехь и гъащIэр гугъуехьым хэмыкIыу.
МакIуэр гъащIэр лIэныгъэр къытохъуэр
Абы и псэр иджы мэгузавэ,
И гуэныхьхэр и нэгу щIэкIыжауэ
Мащэ кIыфым иджы къыщохутэр.
КъыгуроIуэр а псэм къыпэщылъыр
Мэгузавэр а псэр тхьэ йолъэIур,
БлокI зэманри къос къэмэт махуэр
И сабий хыфIидзам псэр хозэжыр.
Нур дахащэр сабийм къыщхьэщихыу
Жэнэт куэбжэм мэлIычхэм ар дашэр
Нур фыцIагъэр мыдрейм къыIурихыу
ЖыхьэрмэмкIэ залмыгъэкIэ яшэр.
Сыт ищIэнур, хэт де ар здэкIуэнур,
Хэт иубурэ пцIы зытрильхьэнур,
Хэт хыфIидзэу бэлыхь хигъэхуэнур
Зи псэ зыщэу, зыкъутэ зи гъащIэ.


Рецензии