ЩIымахуэ
1)Щlымахуэр къэсауэ,
Уэсыр кърехьэх.
Къуаргъхэр къэпlыщlауэ,
Дамэр ирашэх.
2)Пщэдджыжькlэ щхьэгъубжэм
Сурэт къыхещlыхь.
Сытхъукlэ жыг къудамэм
Бэджыхъ яфlещlыхь.
3)Жьыбгъэр зэм къыкъуоури,
Уэсыр зэбгрех.
Мыл гъуджэм и щlагъым
Хуэму псыр щожэх.
4)Джабэм дыдэкlауэ,
lэжьэ дыкъожэх.
Уэскlурийхэр тщlауэ,
Бгым къыдогъэжэх.
Пщыхьэщlэ Хьэмзэт,
"Нур" журнал
hamzat-07.livejournal.com
Свидетельство о публикации №113071304162