Амазонкэ

                ЩIакIуэ щIагъым лIы къыкъуокI.
                (Адыгэ псалъэжь)

ЩIалэр къафыхьами,
Щауэр къафыхьакъым.
Сыту гурбиянт,
Зишэгъуэ хъыджэбзыр.
ТхьэIухудыр амазонкэм къытемыпщIыкIатэмэ,
Апхуэдэ Iэпкълъэпкъ дэни къриухт?
Зы..., щы.., хы, блы … хэзэрыхьат щIалэр,
Блым нэс фIэкI мыбжэфу утыкум къинау итт.
Бадзэуэгъуэу губгъуэм щалъэхъа шыгушу,
И лъакъуитIым лъахъэ иралъхьауэ илът.
ХьэгъуэлIыгъуэ Iэнэм дахэу щыхъуахъуэм,
Амазонкэм щIалэ хейр гуузу IэщIэкIуадэрт,
Матриархат щыIау зыгъэхъыбархэм,
Щэбэт махуэр я зэ Iуэтэжыгъуэт.
ЩIалэ жьэIурыхур хьэзабым къызишам,
Дуней дызытетым Тхьэм гу щригъахуэ.
Ар, утыкум кIуэу зыщызыдришеям,
Си гугъащ къуршыбгъэр, джэгуну уэгум лъатэ.
ЦIыхухъум и пщIэр абы къимыIэтыжатэм,
Хуэмыхум и зэранкIэ «режимым» къигъэзэжт.
Утыкур хурикъуртэкъым лIы пхъашэм,
Амазонкэр и чэзум игъэIэсат.
Арэзы хъуа щIалэм кIэбгъу зыщищIырщ,
Хьэдэгъуэдахэм гу сэ щылъыстар:
ЩIакъуэ баш къыздезыхьэкIырщ,
ЦIыхухъуцIэ зезыхьэм ди пщIэр  зыхъумар!
                1972 гъ.


Рецензии