Дефолтым-ба!

Дефолтым щхьэщэ сигъэщыну,
Ятау сыщыхикъухьым,
Сыхуеями сепыджыну,
Сызэреуэн сIыгъакъым.
Хьэ щэхурыпхъуэу къыслъихьам,
Теубыди пэт уэ сагъындакъ.
Си адэшхуэм Iэщэ къыщIэнам,
Уреуэ хъуну apt дудакъ.
ИтIани псэ хэтам дефолтым,
И Iупэм деж хуэсщIынут - ба!
ЖаIэуэ, - цIыхуу дунейм тетхэм,
НапитI зэрахьэу хэт ищIа?
Ахэр щIым зэрыхуэшэчыр,
ЩызгъэщIэгъуэн зэман къэхъуат.
Нэхъапэм, къэзыбзеижу щытахэр я тепщэчыр,
Магнату пащхьэм къихутат,
Зэгуэр си ныбэ хуэныкъуатэм,
Сэри сыхъункIэ хъунт магнат,
Зэи мажэщIалIэу сыщытакъым,
АнэфIт си анэ ХьэIишэт!
БлэкIар афIэкI къэзмытIэщIыну,
Хъэлилэхэ я къурIэн цIыкIумкIэ Тхьэ соIуэ.
"Ирикъуахэм" фу цIыхумэ жамыIэну,
Алыхьу лъапIэм жиIэ!!!
Дуней мылъкукIэ зыIуэтэжахэм,
Сефыгъуэм сы хьеуанщ,
Ди Iугъуэ здикIыу дытевгъэт дунейм,
Сэ зи гугъу сщIыр – цIыхугъэрщ.
                25.04.2013 гъ.


Рецензии