Нарт

Дунейм нарту сытетау,
Хьэршым сыщIуэжкIэ,
Къэзгьэнэнур къарту*,
Зэрыбу стха сэтырхэрщ.
Мэлыхъуэм и гуфIакIэм,
ДэIэбау щытахэм,
Хъыбар фэзгъащIэу арщ,
Сэ ахъшэ сщIыу щытакъым?
Си адэм и адэм и адэж… Сос,
ПсэухункIэ хуэмыхуакъым
Нартхэр хъуау «щIыIэс»,
Къахуихьижау щытащ – я   м а ф I э р…
Каминым фыбгъэдэсу,
Фыхъеджи феплъыт стхахэм,
Телъыджэуэ  гунэсу,
ФирикIуэркъэ пычыгъуэхэм ?...
Си псалъэ Iущхэр джынэсуу,
Фыхуеймэ къыфщхьэпэнущ,
ФыздэкIуэм гъуэгум лъэсу,
Къевгъажьи гъусэфI хъунущ!
Адыгэ Iэнэм ахэр псори,
Налкъутналмэсу къыщытесхым.
Къызату щIэздзэри тхьэкIумэр,
НыбжькIэ,  мэлыщхьэр сгуэш сыхъуащ!
КъесхуэкIым фIыуэ щымыгъуазэ,
Сэ си лъэпкъ уардэм хэтын ***йкъым,
Зэхуэдэу псори дыгукъабзэщ,
Дыбъэдэсыху къагъува Iэнэм.
Си гъащIэ Iыхьэ къэзгъэщIам,
Нэхь къызгурымыIуа сльэгъуакъым,
Дефэурэ Iэнэм къуэш схуэхьуар.
Псалъэ жиIам тезгьуэтэжакъым.
Аращ зы ткIуэпс семыIубау,
ЦIыхухэм я пащхьэм сыкъыщIихьэр,
ЖысIау щытам сызщIэбэгау,
Сымычэфу щыхьэт сытохъуэр.
Фадэм нэхърэ нэхъ Iеуйэ,
ЦIыхугьэншIагьэр щхьэм доууей,
Куэд ирифау жыхуаIэм лейуэ,
Iурезгьэхам - хэт ***йр?
Нэпэншэ фадэм ирихъуахэм,
Яхэплъэжауэ зэ,
ГъэфIэжын ***йщ ар - псэ къабзэм,
Абы хуэфащэкъымэ дзы.
Иджы кьежьауэ Iэнэр.
КIыхьышхуэуэ ягъэувыр,
Абы Iэнкун сыщохъур,
ИугъащIэ тхьэрыкьуэф Iэнэм!
Нартхэм тхыгъэ ямыIами,
Я жьэр зэи щIэпхау щытакъым.
ЗдэкIуэм ефэрт батырыбжьи,
Iу э р ы Iу а т э у, - жаIар къанэрт!
Куэдым ящIэу сэ сы нартщ,
Сысымей къасщтэнуъым,
Псапэ щIэнкIэ сы пэрытщ,
Хэт гуащIафIэми сефыгъуэкъым.
Сэ пэждыдэуэ сы нартщ,
ЦIыхухэм яфI къэслъыхъуу,
И нэхъыбэм сы банкротщ,
СкIэрыщIакъымэ кIэрахъуи.
ЩIыр жэщ кIыфIым IэщIэкIау,
Дыгьэр къыщыхъейкIэ,
Нэху сыпсэуэ сыкъекIау,
Е тхьэм симыгъащIэкIэ!
Сэ иджыри сы сабиуэ,
ФIым сыхуаузэдащ,
Бзаджэнаджэм сырибийуэ,
Нобэм сыкъэсащ.
А жысIахэм щыхьэт техьуэну,
Сэ цIыху мин згъуэтынущ,
Тэн и Iуфэм Iус Наташи,
Сэ си фIыцIэ къывжиIэнущ.
ИмыщIэхэуэ цIыху ябгэ,
Абы ещэу къышысщIам,
Лъыуэ сщIэтыр си щхьэм кIуауэ,
Къезгъэлау щытат ар благъуэм!

*Къарту – куэду.


Рецензии