ЩIакIуэ хужьым и щIагъым

(Под белой буркой)
                1
Аргъеикъуэ межау дэмылъатэм,
Уэтэрыжьым ит ***йхэр IэпхъуакIэт,
Бэтэхыр занщIэу къамыщтэми,
ПокIагуэ шынтхыр ясейт.
Урысейм и тафэ щIыпIэхэм,
Пхъэхуей гуэрэнхэр – фочыкущ.
ЗыщагъафIэу жылэ уэрамхэм,
Махуэр щыхуабэм жьауэ пэлъытщ.
Урысейм и «глубинкэм» сыщыIэу,
Зэу щыщIидзам уэшх щабэм,
Згъуэтауэ щытар щIакIуэ папщIэу,
Уардэу пхъэхуей жыг лъагэрщ.
Зауэшхуэ блэкIам и дамыгъэу,
Абрагъуэм телът дыркъуэ инхзэр,
Дыгъэм пэцIууэ плъагъуу,
И щIыфэм къытещт бдзапцIэшэр…
Уэшхри теужауэ – тэлай зысIэжьэжащ,
Ди нэхъыжьхэм я щIыхуэ ин ттелъым,
Си щхьэр къыфIигъэхуащ.
Набдзэ къурашэ си гъусэр,
Къэхъуар имыщIэу гугъу щехьым,
Сэ фIыщIэ хуэсщIырт АЛЫХЬЫМ,
Дунейр зэрымамырым!
ЩIакIуэ щIагъым щIэтахэр,
Удомля дыкъыщыдыхьэжым,
Псалъэ быдэ естакIэт Верэ,
Рамазан абы зэреймкIэ…
                2
Зауэм щыкIуам си адэр,
IэнатIэ мыгъуэм Iутащ,
ИтIани зитакъым лIы быдэм,
«ПРИСЯГЭР»  игъэпэжащ!..
«Къуажэ хъупIэр иубыдащ» –
ЖамыIэну сщIатэм,
***й покIагуэм щыхэссэнт,
Жыг мин.
Джыдэ зэй пхъэхуейм къыхуэдмыщтэну,
ЗауэлI хъыжьэм дыщиущийм,
***йу арат ипшыныжыну,
Зэхэуэр екIуэкIыу ар мэIухуу зэриIар.


Рецензии