Банкомат

Банкоматам ер къыхукIуэ,
Ари сытым хуэдэу хьэжь,
СыIухьэхукIэ къызощхьэкIуэ,
Аби ещI - цIыху зыхэгъэж,
Абы дауэ къызэрщIэр,
Унэ тажу езгъэщIар,
Щэхуу лIыщIэ эыгъэлажьэр,
Фу цIыхумэ! - жиIэу пыджэр?
Емылыджу "шыр" игъэтхъуэу,
"Мерседес"-кIэ IукIыжам,
Файдэ сщIарэт къыхуэзыщIыр,
Зэу сыхъунут – Емынэжьжь.
Зыри мэ имыIэу жари
Ежау цIыхухэм ахъшэ ящI,
Сэ сыщысщ си нитIыр къожри,
ПщIэншэу тхэным сеунэщI…
ЩэщIэху редакцэм
Хъыбар куэд къыщырахьэкI,
Сэри ауэ згьэхъейкъым кьуацэр,
Тхылъ Iув стхауэ гъэ сытокI!
Мыдэ къаплъэ банкомат,
Сэ уэ пхуэфI сыхъунщ,
ИщIэнур сыт? - жыпIэу поэтым,
Уи лъапсэм, псыр изгъэжыхьынщ?!
ШхыдэбэIущ* ар жыпIэу,
Укъыздэмыджэгу,
Тегъэсау си пыIэр,
Сыхэгъыхьэ - джэгу!

*ШхыдэбэIу – ворчливый.


Рецензии