Щапхъэ

Сыщыхъуауэ "IутIыжымь"* тIэу жыIэ,
Сыщыпсалъэм пщантIэпсыр ескъуэкIыу,
Си гум илъыр къэсщI хъуртэкъым наIуэ,
ЖесIурат цIыхубз нащхъуэм - есIуэкIыу?!
Ар ящыщтэкъым уеджэм къэмыплъэм,
НэкIэ дэ куэд зыжетIакIэт,
Бгырыс щIалэм и теплъэм,
ТхьэIухудым фIы куэд къыхуэкIакIэт.
Бжьым къригъэбла мафIэ дэпу,
Ар къызщIэмыплъауэ щытатэм,
ЗгъэкIуэдынут а пщхьэщхьэм думпу,
Имыгъуэтыжу нэчыхь зыхуиIэм...
Ар еэыр мывэ щIыIэм,
Хъэрыпым сыт илажьэт,
Мэкъум тес хьэ бзаджэжьыуи,
Сытыуи цIыху сакът.
Щытезгъэзам СыбыркIэ,
Зым ядежи сыщепсыхакъым,
Си хуэмыхуагъыр сщIэжти,
"Иртыш" хьэщIэщыр збгынакъым.
ЦIыхубз къэIулам** и "щхьэхъумэр",
Си гъащIэ псэукIэ щапхъэ схуэхъуащ,
ЗыгуэркIэ щхьэрыуэм сызыбгъэдэсыр,
Ар "фIейм" хэзмыгъахуэу, сэ къэспхъуэтэнущ!

*IутIыж – пасха
**КъэIулэн – соблазниться.
1992 г.


Рецензии