Анэ

Iуащхьэмахуэ, уи инагъыр,
Зэи текIынукъым си напщIэм!...
Мы дунейм адыгэу тетым,
Ди зэдей демыгъэр,
Дэрэжэгъуэу сиIэу,
Нобэ сыкъэсащ.
Илъэс хыщI сыхъуауэ,
СикIуэтауэ соплъри,
Абы зихъуэжакъым
Ар зэрыщытащ.
Бахъсэныжь къиауэ,
Жьэгъухэм еуэу къехыу,
Симышынэу куэдрэ,
И кум нэс сыкIуащ,
Дауэ псыхъуэгуащэр къелрэт а уаем,
Дзэхэр сфIызэтеуэу, къэхъуащ сыщыпеуа.
Зэи а псыр жабзауэ къжэхауэ сщIэжкъым,
Гъэмахуэ пэнцIыву – куэдрэ сефащ.
Нобэ сыт измыфми, си псы хуэлIэ икIкъым,
Сызэфам къыслъысу, щхъэл игъэлэжьэнт…
Тобэ! Iуащхьэмахуэ, щхьэпэт уи быдзышэр!!!
Хъунщ «Табу» жыпIамэ, нобэ сыкъэсынт.
АдыгэцIэ зиIэм Анэуэ удиIэщ,
Щхьэпэ лъагэу, уардэу, Тхьэм утхуигъэпсэу!
                17.04.10


Рецензии