***

Сыт дэбгъуар си теплъым, си псэ закъуэ,
Уафэр занщIэу щхьэ къыстебгъэуа,
Сыныщыплъэм къеуха уи напIэм,
Къысхуэна си гьащIэр щхьэ щIэбгъэубыда.
Сыбдзэжьейуэ уи хъым симыхуамэ,
Ягъэ кIынкъым-напIэр къэIэтыж,
Уэ уи щIыхуэ ину къыстехуауэ,
Нобэризэм унэм сыгъэкIуэж.
Борэнпежьэм цIыхухэр къегьэгъуазэ,
Дауэ хъуну адкIэ си дунейр?
Си Iыхьлыхэм псынщIэу саIугъащIи,
ЯжезгъыIэ уэ узэрызейр!
Лейуэ удоджэгур уэ къуршыбгъэм,
Ар фIырыфIкIэ уэгум зэи къимыкI,
Ар къыпхуейщ уихьыныуэ и абгъуэм,
ЩIалэ хэдэ пщIыуэ бломыгъэкI.
Уи нэсыпым нобэ уелъэпауэм,
ХзтIэсау зэгуэр ущIегъуэжынщ.
Уэгум лъагэу кIуау къуршыбгъэр плаггъум,
Мывэ сыну ухуэмейу ужынщ.
Къытебгъазэу зэ укъызэплъынум,
Си гум къигъэщI псальэхэр зэхэх,
Нобэ щыщэдзэуэ си тхьэрыкъуэ,
Къысхуэна си гьащIэм ухэзмых!
ЗимыIуэхуэм жаIэм уемыдаIуэу,
Укъыспежьэм хъуркъэ Жэнэт Бзу,
Дэ тIур зы дыхьуну цIыхухэр йожьэ…
Си лэгъунэм уфIэмыкI си ф-о-о-о!!!
                декабрь, 1972


Рецензии