***

Уа, мы гъащIэр сыт зищIысыр,
ЛъаIуэу хэт мыбы къэкIуа,
УпщIэ гугъум и жэуапыр,
Фэ къэвгъуэту – сыхэвна?

НыбжькIэ тIэкIу узэIэбэкIым,
Псори дэнэ дыщыIа?
Ди япэ цIыху псэуахэу жаIэ,
Ахэр псори дэнэ кIуа?...

Гущэм пхауэ сыщытелъам,
Зэхэсхар сэ дуней нэхущ,
ЯтIэ лъэгум къыщызжыхьми,
КъызжаIауэ хъуар псалъэфIщ.

Ауэ нобэ сызщIодэIури –
Хьэм я фIэщу срагъэхь,
ФIыуэ си гъащIэм зэхэсхар,
Псы хэкIуадэ ящI!


Рецензии